АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ИОВ 6—10
Алыхь фІэлІыкІ зиІэ Іэиуб и гуауэр къеІуатэ
Іэиуб и мылъкумрэ и бынхэмрэ фІэкІуэдащ икІи узыфэ Іей къеуэлІащ. Абы емылъытауэ, ар Алыхьым хуэпэжу къэнащ. Іэиуб Алыхьым иригъэпцІыжын щхьэкІэ ШейтІаныр хэтащ абы и лъэр щІихыну. Іэиуб и деж ныбжьэгъу нэпцІищ къэкІуащ. Абыхэм Іэиуб гущІэгъу хуащІу фэ зытрагъэуащ. Ахэр абы махуиблкІэ бгъэдэсащ, зыгъэгушхуэн зы псалъэ жрамыІэу. Абы иужь ар ягъэкъуаншэу икІи пцІы тралъхьэу щІадзащ.
Іэиуб Алыхьым хуэпэжу къэнащ, гъэунэхуапІэхэм зэрихуам емылъытауэ
И гур зэреудыхам щхьэкІэ Іэиуб гупсысэ нэпцІым къыхуэкІуащ. Іэиуб егупсысу щІидзащ Алыхьым къыфІэмыІуэхуу ар абы пэжу зэрыхуэлажьэр
И гур зэреудыхам щхьэкІэ Іэиуб егупсысакъым абы и гугъуехьхэм нэгъуэщІ щхьэусыгъуэ иІэфыну
Іэиуб гугъу ехьами, ар зыгъэкъуэншахэм зэрепсэлъам къыхэщт Иеговэ фІыуэ зэрилъагъур