Хэт хъуну Алыхьыр?
Куэдым Алыхьыр я фІэщ мэхъу. Ауэ, «Хэт хъуну Алыхьыр?» жыпІэу абыхэм уеупщІмэ, жэуап зэмылІэужьыгъуэхэр зэхэпхынущ. Языныкъуэхэм я гугъэщ Алыхьыр ткІийуэ икІи цІыхухэм тезыр щІатрилъхьэн зэпымыууэ къилъыхъуэу. НэгъуэщІхэм зэрыжаІэмкІэ, абы псори фІыуэ елъагъу икІи псори игъэгъуну хьэзырщ. Алыхьым дыкъыфІэмыІуэхуу зылъытэхэри щыІэщ. ЦІыхухэм яІэ еплъыкІэхэр апхуэдизу зэрызэтемыхуэм къыхэкІыу куэдым я гугъэщ Алыхьым теухуа пэжыр къыпхуэмыщІэну.
А Іуэхур зэхэгъэкІын хуей? Хуейщ. Алыхьым теухуа пэжыр зэрыпщІэм уи гъащІэм купщІэ къыхилъхьэфынущ (Апостолхэм 17:26—28). Алыхьым нэхъ гъунэгъу ухуэхъуху, абы нэхъыфІу укъилъагъунущ икІи къызэрыбдэІэпыкъур зыхэпщІэнущ (Екъуб 4:8). Абы нэмыщІ Алыхьым теухуа пэжым гъащІэ мыухыж къыпхуихьыфынущ (Иуан 17:3).
Алыхьым теухуа пэжыр дауэ къэтщІа хъуну? Псалъэм папщІэ, уи ныбжьэгъур къапщтэмэ, дауэ фэ ныбжьэгъу фызэрызэхуэхъуар? Япэрауэ, абы и цІэр къыбжиІащ. Абы нэмыщІ сыт абы фІыуэ илъагъуми, сыт и ІэщІагъэми икІи сыт хуэдэ мурадхэр иІэми уэ къэпщІащ. НэхъыфІу фызэрыцІыхуащ икІи абы и фІыгъэкІэ фэ ныбжьэгъу фызэхуэхъуащ.
Алыхьыр нэхъ гъунэгъуу къэтцІыхун щхьэкІэ мыпхуэдэ упщІэхэм дыхэплъэнщ:
ХЭТ АЛЫХЬЫМ И ЦІЭР?
ХЭТ ХЪУНУ АЛЫХЬЫР?
СЫТ АБЫ ИЩІЭР?
ДЯПЭКІЭ СЫТ АБЫ ИЩІЭНУР?
АЛЫХЬЫМ ТЕУХУА ЩІЭНЫГЪЭМ СЫТ ХУЭДЭ СЭБЭПЫНАГЪ КЪЫПХУИХЬЫНУР?
Мы упщІэхэм Тхыгъэ ЛъапІэ Библием ирит жэуапхэр мы журналым итщ. КъыкІэлъыкІуэ статьяхэм къыщыпщІэнущ Алыхьыр хэт хъунуми икІи абы ныбжьэгъу ухуэхъумэ абы къыпхуихьыну сэбэпынагъыр.