Мы журналым итыр
2019, МАЗАЕМ И 4—10
Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэр жэнэтым щыпсэуну зэманым къахуэмыгъэсу поплъэ. Жэнэтым дыщыпсэуну гугъэ диІэм лъабжьэ хуэхъу Библием ит едзыгъуэхэр мы статьям щызэпкърытхынущ. Абы нэмыщІ къэтщІэнущ жэнэтым теухуауэ Хьисэ жиІа псалъэхэр дапхуэдэу къыдгурыІуэн хуейми.
2019, МАЗАЕМ И 11—17
Мы статьям къыдгурегъаІуэ нэчыхьым теухуауэ Библием итыр сытми. Нэчыхьым пщІэ зэрыхуэтщІыр дауэ къызэрыдгъэлъэгъуэнур? ИкІи нэчыхь къутэжынымрэ зэщхьэгъуситІыр щхьэхуэу псэунымрэ теухуауэ Алыхьым и еплъыкІэм хуэдэ дызэриІэр дауэ къызэрыдгъэлъэгъуэнур?
2019, МАЗАЕМ И 18—24
15 ЩІалэгъуалэ, псори къэзыгъэщІа Алыхьыр хуейщ фэ насыпыфІэу фыщытыну
2019, МАЗАЕМ И 25 — ГЪАТХЭПЭ МАЗЭМ И 3
21 ЩІалэгъуалэ, фи гъащІэр насыпыфІэу щрет
ЩІалэгъуалэм мыхьэнэшхуэ зиІэ унафэхэр къащтэн хуейщ, псалъэм папщІэ сыт хуэдэ мурадхэр ягъэувынуми. Куэдым абыхэм чэнджэщ ират щІэныгъэ нэхъыщхьэ зрагъэгъуэтыну икІи ахъшэфІ къызикІыну лэжьыгъэ къагъуэтыну. Ауэ Иеговэ щІалэгъуалэр къыхуреджэ езым и лэжьыгъэр псом япэ ирагъэщыну. Мы статьяитІым къыдгурагъэІуэнущ Иеговэ и чэнджэщхэм утетыным Іущагъ хэлъу жыпІэ щІэхъунур.