Мы журналым итыр
ДЫГЪЭГЪАЗЭМ И 31 — ЩІЫШЫЛЭМ И 6
3 «Пэжыр къэщэху икІи ар умыщэж»
2019, ЩІЫШЫЛЭМ И 7—13
9 «Уи пэжыгъэм сытету сыпсэунущ»
Мы статьяитІым дыхуагъэуш Алыхьым и Псалъэм ит, уасэ зимыІэ пэжхэр лъапІэу тлъытэну. Къэдгъэна псом нэхърэ пэжыр куэдкІэ нэхъ лъапІэщ. Мы статьяитІыр иджыри къыддэІэпыкъунущ япэм пэжыр ди дежкІэ лъапІэу зэрыщытам хуэдэу иджыри щытрэ щымытрэ зэхэдгъэкІыну. Абы нэмыщІ пэжыр зэи къэдмыгъэнэну дыхуагъэушынущ.
2019, ЩІЫШЫЛЭМ И 14—20
Гугъуехьхэм дыщыпэщІэхуэм деж Иеговэ дауэ дыщыгугъ хъунуми Аввакум тхылъым дегъэлъагъу. Мы статьям дэ къыщытщІэнущ кІуэтэхукІэ ди гъащІэм гузэвэгъуэр, гуауэр, гугъуехьыр нэхъыбэ хъуми, Иеговэ дыщыгугъ зэрыхъунур икІи ди гугъуехьхэм кІэ зэрыритынур.
2019, ЩІЫШЫЛЭМ И 21—27
21 Иеговэ и гупсысэкІэ, хьэмэрэ мы дунейм и гупсысэкІэ фиІэр?
2019, ЩІЫШЫЛЭМ И 28 — МАЗАЕМ И 3
27 Алыхьым и гупсысэкІэм хуэдэ зэрызэвгъэгъуэтыным иужь фит?
Иеговэ теухуауэ нэхъыбэ къэтщІэхукІэ, Алыхьым и гупсысэкІэм пэпщІын зыри зэрыщымыІэр наІуэ мэхъу. Мы статьяитІым къыдгурагъаІуэ мы дунейм и гупсысэкІэр зэран зыхуэдмыгъэхъун щхьэкІэ сыт тщІэн хуейми икІи Иеговэ и гупсысэкІэм хуэдэ дауэ зэдгъэгъуэтынуми.