Пэублэ псалъэ
СЫТ ХУЭДЭ ГЪАЩІЭ КЪЫТПЭЩЫЛЪЫР?
Уи унагъуэмрэ уэрэ сыт хуэдэ гъащІэ къыфпэщылъми зэгуэр уегупсысауэ пІэрэ? Тхыгъэ ЛъапІэм щыжыІащ:
«ЦІыху Іэдэбхэм щІыр щІэину ялъысынущ икІи игъащІэкІэ абы щыпсэунущ» (Псалом 37:29).
Мы журналым къыщыпщІэнущ Алыхьым цІыхухэм ди щІыналъэм щаритыну гъащІэ дахэм теухуауэ икІи уэ а гъащІэр плъэгъун щхьэкІэ пщІэн хуейри къыбгуригъэІуэнущ.