Тхыгъэ ЛъапІэм ит чэнджэщхэр — ди зэманым хуэкІуэу пІэрэ?
ЗЫГУЭРЫМ «ХЬЭУЭ» ЖИІЭФЫНУЩ. Зы дохутыр гуэрым зэрыжиІамкІэ, Библиер нобэ уи гъащІэм къыщыбгъэсэбэпынри 1920 гъэхэм къыдагъэкІа химие тхылъымкІэ зыгуэр ебгъэджэнри тІури зыщ. НэгъуэщІми мыпхуэдэ упщІэ къыуитыфынущ: «Япэм къыдагъэкІыу щыта компьютерхэм я инструкциер иужь дыдэу къыдагъэкІахэм хуэкІуэну уи фІэщ хъууэ ара?» НэгъуэщІу жыпІэмэ, языныкъуэхэм Библием итыр къэгъазэ имыІэу жьы хъуауэ ябж.
Технологиехэм зыщаужь ди лъэхъэнэм лІэщІыгъуэ куэд ипэ ятха тхылъым чэнджэщ къыщыплъыхъуэным Іущагъ хэлъ? Нобэ сыт хуэдэ упщІэми теухуауэ интернетым чэнджэщ щыкуэдщ икІи телевизорым психологхэмрэ экспертхэмрэ куэду къыщопсалъэ. УзэрыздэІэпыкъужыфыным теухуауи иджы хуэдэу тхылъ куэд къыщыдагъэкІ къэхъуакъым икІи ахэр зытххэм абы ахъшэшхуэ къахуехь.
Нобэ тыншу узыхуейр къыщыпхуэгъуэткІэ, илъэс 2 000 хуэдиз ипэ ятха тхылъым щхьэ зыхуэбгъэзэн хуей? Химием теухуа тхылъыжьымрэ компьютерым и инструкциемрэ тепсэлъыхьахэм жаІар пэжу пІэрэ? А цІыхуитІым къахьа щапхъэхэр Библием хуэкІуэкъым. Наукэмрэ технологиемрэ псынщІэу захъуэж, ауэ цІыхум зихъуэжкъым. Пасэрей зэманым псэуахэми хуэдэу, ноби цІыхухэр хуейщ щІэпсэум и мыхьэнэр ящІэу, насыпыфІэу, унагъуэ быдэрэ ныбжьэгъу пэжрэ яІэу икІи зыми имыгъэгузавэу псэуну.
Библиер зэратхырэ куэд щІами, апхуэдэ гъащІэ уиІэу упсэуну абы Іэмал къыует. Абы нэмыщІ, езы Библием щыжыІащ, ар цІыхухэр къэзыгъэщІа Алыхьым къыбгъэдэкІыу. ГъащІэм сыт хуэдэ гугъуехь упэщІэмыхуэми, Библиер къыбдэІэпыкъунущ абы упэлъэщыну (2 Тимофей 3:16, 17). Псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, езы Тхыгъэ ЛъапІэм зэрыжиІэмкІэ, абы ит чэнджэщхэр сыт хуэдэ зэманми хуокІуэ икІи зэи жьы хъунукъым. Библием щыжыІащ: «Тхьэм и псалъэхэм гъащІэшхуэмрэ лъэкІыныгъэшхуэмрэ яхэлъщ» (Еврейхэм 4:12).
Библием ит мы псалъэхэм дзыхь хуэпщІ хъуну пІэрэ? Тхыгъэ ЛъапІэм итым сэбэпынагъ имыІэжу хъуа хьэмэрэ абы ит чэндэщхэр ди зэманми хуэкІуэрэ? Мы брошюрэм мы упщІэхэм я жэуапхэр къыщыбгъуэтынущ.