86 УЭРЭДЫР
Иеговэ деж дыщоджэ
1. Фигухэр зэІуфхи, Иеговэ дежкІэ вгъазэ,
ГъащІэ къозыт псым хэт хуейми ефэнщ.
ИригъэкІынущ псыхуэлІэ яІэр,
Щабэу сыт щыгъуи Ар псоми хущытщ.
2. Дэ ди зэІущІэхэр зэи къэдмыгъанэ,
Гушхуэныгъэшхуэ, Іущагъ щыдогъуэт.
Ди Адэ Иеговэ и къару лъапІэм
Быдэу гъуэгу пэжым дэ дытрегъэт.
3. ТфІэфІу Иеговэ уэрэдкІэ догъэлъапІэ,
ХэІэтыкІауэ ар ину жытІэнщ.
Макъхэр зэхыхьэу жытІэ уэрэдым
Иеговэ лъапІэ гуфІэгъуэ ирет.
(Абы нэмыщІ феплъ Евр. 10:24, 25; Апок. 22:17.)