82 УЭРЭДЫР
Фи нэхур иреблэ
1. Дэ ди нэхур блэну
Хьисэ къыджиІащ.
Дыгъэм хуэдэу, Іейми
ФІыми датепсэнщ.
Мамырыгъэр, пэжыр
Тхыгъэм къыбгъэдокІ.
Дгъаблэурэ а нэхур дэ
ЦІыхухэм едгъэщІэнщ.
2. Тхьэм и хъыбарыфІыр
Псоми зэхрах.
Дигу ар лъэІэсащи,
ЦІыхухэм яхудохь.
Нэху я гъуэгур хъуну
ТхузэфІэкІыр тщІэнщ.
Хэт къищтэну хуейми ар
Къыхихыну хуитщ.
3. Дыщэ лъапІэм хуэдэу,
Ди ІуэхуфІхэр щытщ.
ХъыбарыфІыр дахэу
КІыфІым къыщолынд.
АдэкІи ди нэхур
ЩІылъэм щренэху.
Адэм игу дгъэгуфІэурэ
Къыхуэтхьынущ щытхъу.
(Абы нэмыщІ феплъ Пс. 119:130; Мт. 5:14, 15, 45; Кол. 4:6.)