78 УЭРЭДЫР
Алыхьым и Псалъэр цІыхухэм ядогъащІэ
1. Іэдэбхэр дэ щедгъаджэм деж,
ГуфІэгъуэ куэд догъуэт.
Ди гъащІэм ар нэхъапэу щытщ,
Зэкъуэту дылэжьэнщ.
Куэд иригъаджэу Хьисэ псэут —
ЩапхъэфІ дэ ар тхуэхъуащ.
Дэ лъагъуныгъэ тхэлъу цІыхухэр
Тхьэм пэгъунэгъу хуэтщІынщ.
2. Алыхьыр тщІащ дэ чэнджэщэгъу —
Ди Іуэхухэм ар къыхощ.
Гъуэгу пэжым ди лъэр быдэу тетщ,
Нэхугъэр дэни дохь.
Дэ куууэ Тхыгъэ ЛъапІэр додж —
Вагъуэбэу хэзщ налкъут.
Нэхъ къулеиж кІуэтэхукІэ дохъур
ЩыдгъэІукІэ хъыбарыфІ.
3. Іэдэбхэр едгъэджэну дэ
Тхьэм дызыхуейр къыдет.
Ди лъэІухэми жэуап кърет,
Сыт щыгъуи къыдбгъэдэтщ.
И Псалъэ ЛъапІэмкІэ допсэу,
Ит хабзэхэр дэ тфІэфІщ!
Іэдэбхэм щабэу яжыдоІэ:
«Къыпыфщэ Тхьэм и Іуэху».
(Абы нэмыщІ феплъ Пс. 119:97; 2 Тим. 4:2; Тит 2:7; 1 Ин. 5:14.)