66 УЭРЭДЫР
ХъыбарыфІыр догъэІу
(Апокалипсис 14:6, 7)
1. КІыфІыгъэм хэту цІыхухэм гъащІэр ирахьэкІт,
Мэссихьым теухуа хъыбарыр щэхуу щытт.
ГущІэгъу къытхуищІу Адэм и Къуэр къигъэкІуащ,
Алыхьым и мурадкІэ Хьисэ хъуащ Пащтыхь.
Аращи, Пащтыхьыгъуэр уафэм теуващ,
Иеговэ и махуэшхуэр къызэрысар долъагъу.
НысащІэ Къуэм хуэхъунур Адэм къыхихащ
МыкІуэдыжыну гъащІэр тыгъэ яхуищІащ.
2. Къэсащ зэманыр щыдгъэІуну щІылъэ псом
Мэссихьым теухуауэ Тхьэм къызэІуихар.
ГуфІэжу мелыІычхэр дэ къыддоІэпыкъу,
Жыджэру Пащтыхьыгъуэм и хъыбар ягъэІу.
Иеговэ и цІэр лІыгъэ тхэлъу дгъэлъэпІэнщ.
Алыхьым пщІэ хуэфащэр ину къэтІэтыжынщ.
Иеговэ и Щыхьэту ущытыныр щІыхьщ.
Аращи, хъыбарыфІыр дуней псом дгъэІунщ!
(Абы нэмыщІ феплъ Мк. 4:11; Апост. 5:31; 1 Кор. 2:1, 7.)