58 УЭРЭДЫР
Мамырыгъэм хущІэкъухэр къэлъыхъуэ
1. «ВгъэІу хъыбарыфІыр!» — Хьисэ къыджиІащ.
Псэемыблэжу ар хущІэкъут
Хуихьыну цІыхухэм хъыбарыфІ.
Тхьэм и мэл цІыкІухэм махуэ къэс лъыхъуащ,
Пщыхьэщхьэ хъуху иригъаджэт цІыху къедаІуэу хъуар.
Дэ дызыхуэзэ цІыхуу хъуам
ЛъэдгъэІэсынущ хъыбарыфІ:
«Куэд мыщІэу ди гугъуехьхэм кІэ къахуэкІуэнщ!»
ЕЖЬУ
ЛъапІэщ Тхьэм деж
Лъэпкъ псоми щыщу и ныбжьэгъухэр.
Хуейщ къэтлъыхъуэн
Иеговэ пэжу хуэлэжьэнхэр.
Ахэр къелынщ,
Жэнэт лъысынщ!
2. Дэ лэжьыгъэшхуэ нобэ къытпэщылъщ!
Дэ цІыху Іэдэбхэр къэтлъыхъуэнщ.
Зигу къабзэ псори къэдгъуэтынщ.
Дэ лъагъуныгъэр къыддэІэпыкъунщ.
Хьэзаб зытелъхэр Иеговэ игъэхъужыфынщ.
Зы къуажи, къали дыблэмыкІ
Хуэныкъуэр пэжым къыдогъуэт.
ГуфІэгъуэм гукъыдэж нэхъыбэу къыдет.
ЕЖЬУ
ЛъапІэщ Тхьэм деж
Лъэпкъ псоми щыщу и ныбжьэгъухэр.
Хуейщ къэтлъыхъуэн
Иеговэ пэжу хуэлэжьэнхэр.
Ахэр къелынщ,
Жэнэт лъысынщ!
(Абы нэмыщІ феплъ Ис. 52:7; Мт. 28:19, 20; Лк. 8:1; Рим 10:10.)