52 УЭРЭДЫР
Иеговэ дыхуэлэжьэну псалъэ еттащ
1. Иеговэ мы дуней дахэр
Ин дыдэу къигъэщІащ.
Уафэгуми, щІылъэ дахэми
ЩІэдзапІэ иритащ.
ФІылъагъуныгъэм къыхэкІыу
Дэ гъащІэ къыдитащ.
Іущагъ хэлъу псори иухуащ,
Щытхъу псор зыхуэфащэр Арщ.
2. Псым Хьисэ зыщІигъэуауэ,
И Адэм жриІащ:
«Уи хабзэр згъэзэщІэнущ сэ,
Сыхуейщ сыпхуэлэжьэн».
Псым Хьисэ къыхэкІыжауэ,
Къару Тхьэм къритащ.
И гъащІэм щымысхьу ар лэжьащ,
И Адэм ар хуэпэжащ.
3. Иеговэ, нобэ уи пащхьэм
Дыгушхуэу дэ дыщытщ.
Уи Іуэхур япэ идгъэщынщ,
Ди гъащІэр уэ удот.
УасэшхуэкІэ, Иеговэ,
Дэ дыкъэпщэхужащ.
Дыхуейщ ди гум къикІыу дэ бжетІэн:
«Уэр щхьэкІэщ дэ дыщІэпсэур!»
(Абы нэмыщІ феплъ Мт. 16:24; Мк. 8:34; Лк. 9:23.)