36 УЭРЭДЫР
Уи гур хъумэ
1. Зигу къабзэм гъащІэ игъуэтынщ,
Уэ уи гум кІэлъыплъыж.
Абы илъ псори Тхьэм елъагъу
Уэ къабзэу хъумэ ар.
Хуэсакъ, ар бзаджэщ, дзыхь хуомыщІ,
УщигъэуэнкІэ хъунщ.
Акъылыр Іейм щыхъуми уэ,
Гур къабзэу къыпхуэнэнщ.
2. Уэ уи гум илъыр жеІэ Тхьэм,
ТхьэлъэІум ар хэгъэт.
УзыхуэныкъуэмкІэ елъэІу,
Ар къыбдэІэпыкъунщ.
Уигу къабзэм Тхьэм и хабзэхэр
Сыт щыгъуи уэ игъэлъ.
Иеговэ уэ уедаІуэмэ,
Уэ фІыгъуэ куэд бгъуэтынщ.
3. Пэжыгъэр уи гум щыгъэпсэу,
ІуэхуфІхэм егупсыс.
Гуэныхьым уэ пэІэщІэ зыщІ,
ЩІэныгъэр щІы нэхъ куу.
Хуэпэжхэр фІыуэ Тхьэм елъагъу,
Ар быдэу уигу игъэлъ.
Уи фІэщхъуныгъэм быдэу тет,
Алыхьыр щІы ныбжьэгъу.
(Абы нэмыщІ феплъ Пс. 34:1; Флп. 4:8; 1 Пет. 3:4.)