32 УЭРЭДЫР
Иеговэ бгъэдэувэ!
1. КІыфІым дыхэту ди гъащІэри кІуэт,
Бзаджэу дин нэпцІым и пщылІу диІыгът.
Ауэ гугъапІэр Тхьэм дэ къыдитащ,
Ди гум пэжыгъэр къищтащ.
ЕЖЬУ
Ув ди Адэм и гъусэу, гуфІэгъуэр аращ.
Зэи укъигъэнэнкъым, сыт щыгъуи щыгугъ.
Лъэпкъ псоми и пэжыр уэ ялъэгъэІэс,
Тхьэм и Пащтыхьыгъуэр куэд мыщІэу къэсынщ.
2. Тхьэм и лъэныкъуэр сыт щыгъуи дэ тІыгъщ,
И хъыбарыфІыр цІыху псоми хуэтхьынщ.
Іущым Иеговэ и гъуэгу къыхихынщ,
Ар Тхьэм и лъэпкъым щыщ хъунщ.
ЕЖЬУ
Ув ди Адэм и гъусэу, гуфІэгъуэр аращ.
Зэи укъигъэнэнкъым, сыт щыгъуи щыгугъ.
Лъэпкъ псоми и пэжыр уэ ялъэгъэІэс,
Тхьэм и Пащтыхьыгъуэр куэд мыщІэу къэсынщ.
3. ЛІыгъэ сыт щыгъуи дэ дигу идгъэлъынщ,
Бийм и къапхъэным дэ зыщытхъумэнщ.
Тхьэм дыщыгугъыу дэ и Іэр тІыгъынщ,
Ар дэ быдапІэ тхуэхъунщ.
ЕЖЬУ
Ув ди Адэм и гъусэу, гуфІэгъуэр аращ.
Зэи укъигъэнэнкъым, сыт щыгъуи щыгугъ.
Лъэпкъ псоми и пэжыр уэ ялъэгъэІэс,
Тхьэм и Пащтыхьыгъуэр куэд мыщІэу къэсынщ.
(Абы нэмыщІ феплъ Пс. 94:14; Прит. 3:5, 6; Евр. 13:5.)