23 УЭРЭДЫР
Иеговэ и Пащтыхьыгъуэр къэсащ
(Апокалипсис 11:15)
1. Тхьэм и махуэшхуэр къэсащ.
Мис Пащтыхьыгъуэр къэкІуащ!
И пэжагъ мывэр Сион бгыщхьэм тетщ.
МакъкІэ дэ щытхъур худощІ!
Тез хъуащ гуфІэгъуэр дунейм.
Хьисэ Пащтыхьу Иеговэ игъэуващ.
ЕЖЬУ
Сыт къытхуихьынур Пащтыхьыгъуэм?
Пэжыр, гуфІэгъуэр, фІыгъуэ куэд.
Сыт къытхуихьынур Пащтыхьыгъуэм?
Дэ цІыху дагъуэншэ дыхъужынщ.
ЩІыхь хуэфащэщ Иеговэ,
Хэлъщ фІылъагъуныгъэ пэж.
2. Хьисэр Пащтыхь Тхьэм ищІащ.
Армагеддоныр къэсащ.
Мы дунеижьыр куэд мыщІэу къутэнщ.
ЦІыхухэм я деж дэ дыкІуэнщ,
Дэ хъыбарыфІ яхуэтхьынщ.
Зигу къабзэ цІыхухэм
Тхьэр къащІэнум и зэманщ.
ЕЖЬУ
Сыт къытхуихьынур Пащтыхьыгъуэм?
Пэжыр, гуфІэгъуэр, фІыгъуэ куэд.
Сыт къытхуихьынур Пащтыхьыгъуэм?
Дэ цІыху дагъуэншэ дыхъужынщ.
ЩІыхь хуэфащэщ Иеговэ,
Хэлъщ фІылъагъуныгъэ пэж.
3. Хьисэ Пащтыхьщ, фІыщІэр ейщ.
Дигу зэІухауэ дыщотхъу:
«Адэ Иеговэ абы пщІэ хуищІащ».
Тхьэм и шэтырым дыщІэтщ.
Псоми и нэфІ къытщыхуащ.
Хьисэ и бийхэм я кІэухыр къэблэгъащ.
ЕЖЬУ
Сыт къытхуихьынур Пащтыхьыгъуэм?
Пэжыр, гуфІэгъуэр, фІыгъуэ куэд.
Сыт къытхуихьынур Пащтыхьыгъуэм?
Дэ цІыху дагъуэншэ дыхъужынщ.
ЩІыхь хуэфащэщ Иеговэ,
Хэлъщ фІылъагъуныгъэ пэж.
(Абы нэмыщІ феплъ 2 Сам. 7:22; Дан. 2:44; Апок. 7:15.)