2 УЭРЭДЫР
Уэ уи цІэр — Иеговэщ
1. Дунейр къэзыгъэщІар —
Иеговэ Адэ лъапІэщ.
ЛъэкІыныгъэшхуэ иІэщ,
Иеговэ — ди Алыхьщ.
Уэ пщІэ дэ къытхуэпщІащ,
Лъэпкъ псоми дакъыхэпшу.
ЦІыху зэхэгъэж дымыщІу,
Уэ уи цІэр дгъэлъэпІэнщ!
ЕЖЬУ
Иеговэ, Иеговэ,
Алыхьыр уэ зыращ.
Уи щыхьэтхэм уи цІэ лъапІэр
ЩагъэІур мы дунейм.
Гугъэ дахэ къыдыботыр,
ИращІэ псоми ар.
Иеговэ, Иеговэ,
Дэ фІыщэу удолъагъу, Алыхь.
2. Иеговэ, уи къарум
Дэ гукъыдэж къыдетыр,
Къытхелъхьэ лъэкІыныгъэ
ДгъэІуну уи хъыбар.
Уэ дзыхь дэ къытхуэпщІащ,
Дыщытщ уи щыхьэт пэжу.
Уи псалъэри дгъэзащІэу,
Уэ уи цІэр дгъэлъэпІэнщ!
ЕЖЬУ
Иеговэ, Иеговэ,
Алыхьыр уэ зыращ.
Уи щыхьэтхэм уи цІэ лъапІэр
ЩагъэІур мы дунейм.
Гугъэ дахэ къыдыботыр,
ИращІэ псоми ар.
Иеговэ, Иеговэ,
Дэ фІыщэу удолъагъу, Алыхь.
(Абы нэмыщІ феплъ 2 Лет. 6:14; Пс. 72:19; Ис. 42:8.)