14 разделым ухэзыгъэгъуазэ
Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр щІыпІэ жыжьэхэми щагъэІут. ХъыбарыфІыр щыгъэІун хуей щІыпІэхэм Хьисэ ахэр игъакІуэт. Хьисэ телъыджэ щІыкІэкІэ абы и лъэужь итхэр бзэ зэмылІэужьыгъуэкІэ псалъэу ищІащ, цІыхухэр ягъэсэн щхьэкІэ. Иеговэ абыхэм лІыгъэ яхилъхьащ икІи гущІэгъуншэу къезыхуэкІхэм пэщІэтын щхьэкІэ, къаруи яритащ.
Хьисэ Иуан иригъэлъэгъуащ Иеговэ и щІыхьыр. Абы нэмыщІ Хьисэ Иуан иригъэлъэгъуащ уафэм щыІэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр ШейтІаным текІуэу, абы и тепщэныгъэми кІэ къызэрыхуигъэкІуар. Абы илъэгъуащ Хьисэ Пащтыхь хъуауэ икІи 144 000 абы и гъусэу тепщэу. Дуней псор жэнэт хъуауэ, цІыхухэм я зэхуаку мамырыгъэ дэлъу икІи зэкъуэту Иеговэ хуэлажьэу абы и нэгу щІэкІащ.