7 разделым ухэзыгъэгъуазэ
Мы разделыр пащтыхь Щаулрэ пащтыхь Даутрэ топсэлъыхь. А тІум теухуа хъыбарым илъэс 80 хуэдиз къызэщІеубыдэ. Япэ щІыкІэ Щаул Іэдэбагъ хэлъу, Алыхь фІэлъыкІ зиІэ цІыхуу щытащ. Ауэ зэман дэкІри абы зихъуэжащ икІи Иеговэ емыдэІуэжу хъуащ. Абы щхьэкІэ Иеговэ ар ІэщІыб ищІри Самуел унафэ хуищІащ, кІуэуэ, Даут дагъэ щихуэну, ар Израилым и пащтыхь хъун щхьэкІэ. Щаул Даут ефыгъуэти ар куэдрэ иукІыну хэтащ. Ауэ абы щхьэкІэ Даут Щаул зыри ирищІэжакъым. Щаул и къуэ Ионафан Даут Иеговэ къызэрыхихар ищІэти, ар Даут пэжу бгъэдэтащ. Даут мызэ-мытІэу гуэныхь хьэлъэ ищІами, абы зихъуэжын щхьэкІэ Иеговэ трилъхьа тезырхэр ІэщІыб ищІтэкъым. Иеговэ сыт щыгъуи дедэІуэным икІи абы ди щыуагъэхэр къыщыдгуригъэІуэжкІэ тэмэму дыхущытыным мыхьэнэщхуэ зэриІэм уи сабийм къыгурыІуэну дэІэпыкъу.