3 разделым ухэзыгъэгъуазэ
Библием зэритымкІэ псыдзэшхуэ нэужьым Иеговэ хуэлажьэр мащІэт. Абы хуэлажьэхэм ящыщ зыт Ибрэхьим. Ар Иеговэ езым и ныбжьэгъуу илъытэт. Иеговэ и дежкІэ сытыт Ибрэхьим апхуэдизу щІэлъапІэр? Мы тхылъым сабийм и гъусэу уеджэмэ, ар Иеговэ фІыуэ зэрилъагъур икІи нэІэ абы зэрытригъэтыр къыгурыІуэну дэІэпыкъу. Ибрэхьим, ЛутІ, Екъуб сымэ хуэдэу дэри Иеговэ и деж дэІэпыкъуэгъу къыщытлъыхъуэу сыт щыгъуи тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъазэ хъунущ. Дэ быдэу ди фІэщ тщІы хъунущ Иеговэ дыкъызэригъэгугъа псори зэригъэзэщІэжынур.