ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • yc 1-нэ урокыр, н. 4—5
  • КъэтщІэну дызыхуей щэхур

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • КъэтщІэну дызыхуей щэхур
  • Фи сабийхэр вгъасэ
  • Мыбы ещхь материал
  • Мы журналым итыр
    Фыкъызэщыу! 2018
  • Алыхьым дыкъегъэгугъэ жэнэткІэ
    Тхыгъэ ЛъапІэм ит хъыбархэр
  • Сыт хуэдэ мурад Алыхьым мы щІылъэм хуиІэр?
    Сыт къытхуигъэувыр Алыхьым?
  • Алыхьым щІылъэм сыт хуэдэ мурад хуиІэр?
    Алыхьым къыбгъэдэкІ хъыбарыфІыр
Нэхъыбэ еплъын
Фи сабийхэр вгъасэ
yc 1-нэ урокыр, н. 4—5
Хьисэ Мэссихь Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуауэ цІыхухэм яжриІэм мелыІычхэр йодаІуэ

1 УРОК

КъэтщІэну дызыхуей щэхур

Щэху гуэр къыбжаІауэ пІэрэ зэгуэр?~a Алыхьым къыбгъэдэкІ мыхьэнэшхуэ зиІэ щэху гуэр Библием итщ. А щэхум теухуауэ цІыхухэм зыри ящІэртэкъым. МелыІычхэми а щэхум теухуауэ нэхъыбэ къащІэну хуейт. КъэпщІэну ухуей уэ а щэхур?~

Дауэ уеплърэ, сытыт мелыІычхэм къащІэну зыхуейр?

Зэман куэд ипэкІэ Алыхьым къигъэщІауэ щытащ япэ цІыхухъумрэ цІыхубзымрэ. Абыхэм я цІэт Іэдэ́мрэ Хьэуа́рэ. Алыхьым абыхэм унэ яхуэхъун Іэдэ́н жыг хадэ дахэр яритат. Іэдэмрэ Хьэуарэ Алыхьым едаІуэу щытамэ, езыхэми абыхэм я бынхэми дуней псор а хадэ дахэм хуэдэу жэнэт яхуэщІынут. Ахэр Жэнэтым игъащІэкІэ щыпсэуфынут. Ауэ пщІэжу пІэрэ Іэдэмрэ Хьэуарэ ящІар?~

Ахэр Алыхьым едэІуакъым. Аращ дэ нобэ жэнэтым дыщІыщымыпсэур. Ауэ Алыхьым жиІащ щІылъэ псор хадэ дахэ ищІыжыну, дэтхэнэ зы цІыхури насыпыфІэу икІи мыухыж гъащІэ иІэу псэун щхьэкІэ. Дауэ-тІэ Алыхьым ар зэрищІынур? ЦІыхухэм ар зэман куэдкІэ ящІакъым. Ар щэхуу къанэт.

Хьи́сэ Мэсси́хь щІылъэм къыщыкІуам щыгъуэ, а щэхум теухуауэ цІыхухэм яжриІэу щІидзащ. Абы жиІащ а щэхур Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм зэрытеухуар. (14-нэ урокым Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр зищІысыр къыщытщІэнущ.) Хьисэ а Пащтыхьыгъуэр къэкІуэн щхьэкІэ Алыхьым елъэІуну цІыхухэр игъасэрт. А зыращ дуней псор жэнэт дахэ зыщІыфынур.

Иджы а щэхур къызэрыпщІам ущыгуфІыкІрэ?~ Зыщомыгъэгъупщэ, Иего́вэ едаІуэхэращ Жэнэтым щыпсэунур. Библием Иеговэ едаІуэу щыта цІыху куэдым я хъыбар итщ. Абыхэм щыщ гуэр пцІыхуу пІэрэ?~ А цІыхухэм я хъыбархэм дегъаджи, щапхъэ зэрытетхыфынум дегъэгупсыс.

БИБЛИЕМ ФЫКЪЫЩЕДЖЭ

  • Колоссэ 1:26

  • 1 Петр 1:12

  • ЩІэдзапІэ 1:26—28; 2:8, 9; 3:6, 23

  • Маттэ 6:9, 10

  • Маттэ 5:5

a Тильдэ знакыр (~) мы брошюрэм и упщІэ языныкъуэхэм яужь щытщ. Абы къегъэлъагъуэ, укъэувыІэу сабийм жэуап зэребгъэтын хуейр.

УПЩІЭХЭР:

  • Сыт хуэдэ мыхьэнэшхуэ зиІэ щэху Библием итыр?

  • Нобэ дунейр жэнэту щІыщымытыр сыт?

  • Сыт а щэхум теухуауэ Хьисэ цІыхухэм яжриІэу щытар?

  • Сыт уэ пщІэн хуейр Жэнэтым ущыпсэун щхьэкІэ?

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын