ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • fg 10-нэ урокыр, 1—4-нэ упщІэхэр
  • Дин пэжыр дауэ къызэрыбгъуэтыныр?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Дин пэжыр дауэ къызэрыбгъуэтыныр?
  • Алыхьым къыбгъэдэкІ хъыбарыфІыр
  • Мыбы ещхь материал
  • Дауэ къызэрыпщІэнур дин пэжыр?
    Сыт къытхуигъэувыр Алыхьым?
  • Дауэ дин пэжыр къызэрыбгъуэтыныр?
    Тхыгъэ ЛъапІэм итыр сыт?
  • Дауэ къызэрыбгъуэтынур дин пэжыр
    Уэ Алыхьым ныбжьэгъу ухуэхъуфынущ!
  • Динхэм сыт къащыщІынур?
    Алыхьым къыбгъэдэкІ хъыбарыфІыр
Нэхъыбэ еплъын
Алыхьым къыбгъэдэкІ хъыбарыфІыр
fg 10-нэ урокыр, 1—4-нэ упщІэхэр

10-НЭ УРОКЫР

Дин пэжыр дауэ къызэрыбгъуэтыныр?

1. Дин пэжу зы щыІэр?

Хьисэ цІыхухэр ирегъаджэ

«Бегъымбар нэпцІхэм фахуэсакъ» (МАТТЭ 7:15).

Хьисэ и гъэсэнхэр зыхуригъаджэу щытар зы динщ — ар дин пэжыращ. Дин пэжыр гъащІэ мыухыжым ухуэзышэ гъуэгум ебгъэщхь хъунущ. Хьисэ жиІауэ щытащ а гъуэгум ирикІуэхэр куэд зэрымыхъур (Маттэ 7:14). Алыхьым къищтэр абы и Псалъэ Библием тегъэщІа диныращ. Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм я фІэщ хъур Алыхьым и Псалъэм ит щІэныгъэ пэжхэращ. (Къеджэ Иуан 4:23, 24, ДЩІ; 14:6; Ефес 4:4, 5.)

«Дин псори Алыхьым къищтэрэ?» жыхуиІэ видеороликым еплъ.

2. Хьисэ чристэн нэпцІхэм теухуауэ сыт жиІар?

Дин пашэр члисэм къыщопсалъэ. ИужькІэ сэлэтхэр зауэм кІуэну къыхуреджэ

«Тхьэр ящІэу жаІэ, арщхьэкІэ ялэжь ІуэхухэмкІэ Тхьэр зэрамыщІэр ІупщІу къагъэлъагъуэ» (ТИТ 1:16).

Хьисэ жиІауэ щытащ дин пэжыр зыІызыгъэхьэну бегъымбар нэпцІхэр къызэрыунэхунур. Ахэр Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм къазэрыщхьэщыкІыр занщІэу къыбгурымыІуэнкІэ хъунущ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм Хьисэ и лъэужь ирикІуэу забжыж икІи я члисэхэм чристэныцІэ зрахьэ. Ауэ дин пэжыр зыІыгъыр хэтми дэ зэхэдгъэкІыфынущ. Дауэ? Дин пэжыр зыІыгъ цІыхухэм Алыхьым и фІэфІ хьэл-щэни дуней тетыкІи яІэщ. (Къеджэ Маттэ 7:13—23.)

3. Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэр дауэ къызэрыпцІыхунур?

Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэр къызэрыпцІыхуфыну Іуэхугъуитху зэпкърытхынщ.

  • Абыхэм я фІэщ мэхъу Библиер Алыхьым и Псалъэу зэрыщытыр. Ахэр Библием ит принципхэм тету псэуну хущІокъу. АбыкІэ дин пэжыр цІыхухэм я еплъыкІэхэм тегъэщІа дин нэпцІ псоми къащхьэщокІ (Маттэ 15:7—9). Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм зыхурагъаджэмрэ зэрыпсэумрэ зэтохуэ. (Къеджэ Иуан 17:17; 2 Тимофей 3:16, 17.)

  • Къуэшым псалъэ гъэхьэзыра зэІущІэм щыжеІэ. ИужькІэ абы Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр егъэІу, гузэвэгъуэшхуэм пэщІэхуахэм доІэпыкъу, зи ныбжь хэкІуэта къуэшым доІэпыкъу

    Абыхэм Алыхьым и цІэ Иеговэр ягъэлъапІэ. Хьисэ цІыхухэм щепсалъэкІэ Алыхьым и цІэр щІэх-щІэхыурэ къигъэсэбэпу щытащ. Хьисэ цІыхухэм Алыхьым теухуауэ яжриІэрт икІи Алыхьым и цІэр гъэлъэпІа хъун щхьэкІэ тхьэлъэІукІэ зыхуагъэзэну игъасэт (Маттэ 6:9). Ущыпсэу щІыпІэм Алыхьым и цІэр хэт щызыгъэІур? (Къеджэ Иуан 17:26, ДЩІ; Рим 10:13, 14, ДЩІ.)

  • Абыхэм Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр ягъэІу. Алыхьым Хьисэ щІылъэм къигъэкІуащ Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр игъэІуну. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэ закъуэращ цІыхухэм я гугъуехьхэр Іузыхыжыфынур. Хьисэ псэухукІэ а хъыбарыр игъэІуащ (Лука 4:43; 8:1; 23:42, 43). Абы жиІащ и лъэужь ирикІуэхэми а хъыбарыфІыр зэрагъэІунур. Сыт хуэдэ диным щыщхэра цІыхухэм ябгъэдыхьэр Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуауэ епсэлъэн щхьэкІэ? (Къеджэ Маттэ 24:14.)

  • Ахэр мы дуней бзаджэм и Іуэхухэм хэІэбэркъым. Ахэр политикэми зауэ-банэхэми зэрыхэмыІэбэмкІэ къэпцІыхунущ (Иуан 17:16; 18:36). Абы нэмыщІ мы дунейм и Іуэху Іейхэмрэ хьэл мыхъумыщІэхэмрэ абыхэм зыщахъумэ. (Къеджэ Екъуб 4:4.)

  • Абыхэм я зэхуаку лъагъуныгъэ дэлъщ. Алыхьым и Псалъэм и фІыгъэкІэ абыхэм зрагъэсащ лъэпкъ зэхэгъэж ямыщІу псоми пщІэ хуащІыну. Дин нэпцІхэр зауэхэм хэІэбэми, Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм зауэхэм хэІэбэн ядэркъым (Михей 4:1—3). Абы нэмыщІ ахэр я зэманми я мылъкуми щымысхьу псэемыблэжу цІыхухэм доІэпыкъу икІи хъыбарыфІыр ягъэІу. (Къеджэ Иуан 13:34, 35; 1 Иуан 4:20.)

4. Дин пэжыр дауэ къызэрыпцІыхунур?

Сыт хуэдэ диныра Алыхьым и Псалъэм итым цІыхухэр хуезыгъаджэр, Алыхьым и цІэр зыгъэлъапІэр икІи Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм фІэкІа зыми цІыхухэм я гугъуехьхэр зэрыІуимыхыжыфынур жызыІэр? Сыт хуэдэ диным щыщхэра зи зэхуаку лъагъуныгъэ дэлъыр икІи зауэхэм хэмыІэбэр? Дауэ уеплърэ, хэт мы зи гугъу тщІа Іуэхугъуэхэр зыгъэзащІэр? (Къеджэ 1 Иуан 3:10—12.)

«Тхыгъэ ЛъапІэм итыр сыт?» жыхуиІэ тхылъым и 15-нэ псалъащхьэм мы темэм теухуауэ нэхъыбэ къыщыпщІэфынущ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын