ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • fg 6-нэ урокыр, 1—5-нэ упщІэхэр
  • Ди лІахэм теухуауэ сыт хуэдэ гугъэ дахэ диІэр?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Ди лІахэм теухуауэ сыт хуэдэ гугъэ дахэ диІэр?
  • Алыхьым къыбгъэдэкІ хъыбарыфІыр
  • Мыбы ещхь материал
  • Ди лІахэм къащыщІыр сыт?
    Мыухыж гъащІэм ухуэзышэ щІэныгъэ
  • ЦІыхум лІа нэужь сыт къыщыщІыр?
    ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
  • ЛІахэр къэтэджыжынущ
    Тхыгъэ ЛъапІэм итыр сыт?
Алыхьым къыбгъэдэкІ хъыбарыфІыр
fg 6-нэ урокыр, 1—5-нэ упщІэхэр

6-НЭ УРОКЫР

Ди лІахэм теухуауэ сыт хуэдэ гугъэ дахэ диІэр?

1. Ди лІахэр тлъэгъужыну пІэрэ?

Марфэрэ Мэриемрэ лІахэм къахэтэджыкІыжа я дэлъху Лазар ІэплІэ хуащІ

Хьисэ и ныбжьэгъу Лазар Ерусалим пэгъунэгъу Вифание жылэм щыпсэут. Зэгуэр ар сымаджэ хъури лІащ. Хьисэ Вифание къыщысам щыгъуэ и ныбжьэгъу Лазар зэрылІэрэ махуиплІ дэкІат. Хьисэ Лазар и шыпхъу Мэриемрэ Марфэрэ и гъусэу абы и кхъэлэгъунэм щыкІуам щыгъуэ абдеж цІыху куэд щызэхуэсащ. А псом ялъагъуу Хьисэ Лазар лІахэм къахигъэтэджыкІыжащ. Уи нэгу къыщІэгъэхьэт Марфэрэ Мэриемрэ я дэлъхур къэтэджыжауэ щалъэгъуам я гум гуфІэгъуэу илъар! (Къеджэ Иуан 11:21—24, 38—44.)

Марфэ лІахэр къызэрытэджыжынур и фІэщ хъут. Абы ищІэт Иеговэ ахэр щІылъэм щыпсэуну къызэригъэтэджыжынур. (Къеджэ Иов 14:14, 15.)

2. Сыт цІыхум лІа нэужь къыщыщІыр?

Алыхьым Іэдэм къызэригъэщІар; ар зэрылІар

Алыхьым Іэдэм жриІащ: «Усабэщи, сабэм ухыхьэжынущ» (ЩІЭДЗАПІЭ 3:19).

Алыхьым цІыхур «сабэм» къыхищІыкІащ (ЩІэдзапІэ 2:7; 3:19). ЦІыхур лІа иужь абы и псэр къыхэкІыу нэгъуэщІыпІэ щыпсэукъым. ЦІыхур щылІэм деж абы и щхьэ куцІри малІэ, и гупсысэхэри мэкІуэдыж. Хьисэ Лазар лІахэм къахигъэтэджыкІыжа нэужь абы жиІакъым ар уафэм щыІауэ, е и благъэ лІахэм яхуэзэжауэ, е жыхьэнмэм гугъуехь гуэр щишэчауэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ лІэныгъэм нэужь гъащІэ щыІэкъым. (Къеджэ Экклезиаст 9:5, 6, 10.)

Алыхьым цІыхухэм жыхьэнмэм хьэзаб щаригъэшэчу пІэрэ? Библием щыжыІащ лІахэм зыри зэрызыхамыщІэр. Абы къыхэкІкІэ жыхьэнмэ мафІэм теухуауэ динхэм зыхурагъаджэр пцІыщ. А щІэныгъэ нэпцІым Алыхьым пцІы трелъхьэ. ЦІыхухэм хьэзаб егъэшэчыным теухуа гупсысэ къудейр Алыхьым дежкІэ гущыкІыгъуэщ. (Къеджэ Иеремия 7:31.)

«ЦІыхум лІа нэужь сыт къыщыщІыр?» жыхуиІэ видеороликым еплъ.

3. ЛІахэр цІыхухэм епсэлъэфыну?

ЛІахэр псэлъэфкъым икІи абыхэм зыри зэхахкъым (Псалом 115:17). Ауэ цІыхум лІар къепсалъэ хуэдэу епсэлъэфыну мелыІыч бзаджэхэр щыІэщ (2 Петр 2:4, ДЩІ). Аращ Иеговэ щІимыдэр цІыхухэм лІахэм зыхуагъэзэну. (Къеджэ Второзаконие 18:10, 11.)

4. Хэт лІахэм къахэтэджыкІыжынур?

ДунеищІэм лІахэм къахэтэджыкІыжа цІыхум Алыхьым теухуауэ къещІэ. ИужькІэ а цІыхум лІахэм къахэтэджыкІыжа нэгъуэщІ цІыхухэр пэжым хурегъаджэ

ЦІыху мелуан куэд щІылъэм щыпсэун щхьэкІэ къэтэджыжынущ. Алыхьыр зымыцІыхуу икІи мыхъумыщІагъэ зыщІэу щыта нэгъуни къэтэджыжынущ. (Къеджэ Апостолхэм 24:15.)

ЛІахэм къахэтэджыкІыжахэм Іэмал яІэнущ Алыхьым теухуа пэжыр къащІэну икІи Хьисэ я фІэщ зэрыхъур къагъэлъэгъуэну (Апокалипсис 20:11—13). Къэтэджыжахэм щыщу Алыхьым и унафэм тету псэунухэр жэнэт хъужа щІылъэм гъащІэ мыухыж яІэу щыпсэуфынущ. (Къеджэ Иуан 5:28, 29.)

5. ЛІахэр къигъэтэджыжыну мурад зэриІэм Иеговэ теухуауэ сыт къыдигъащІэр?

Алыхьым и Къуэр щІылъэм къигъакІуэу, дэр щхьэкІэ и псэр зэрыригъэтам и фІыщІэкІэ лІахэр къэтэджыжыну гугъэ диІэ хъуащ. ЛІахэр къигъэтэджыжыну Иеговэ мурад зэриІэм абы и лъагъуныгъэшхуэр къегъэлъагъуэ. ЛІахэм къахэтэджыкІыжынухэм щыщу хэтыт уэ псом хуэмыдэу узыхуэзэну узыхуейр? (Къеджэ Иуан 3:16; Рим 6:23.)

«Тхыгъэ ЛъапІэм итыр сыт?» жыхуиІэ тхылъым и 6-нэ, 7-нэ, 10-нэ псалъащхьэхэм нэхъыбэ къыщыпщІэфынущ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын