ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • fg 3-нэ урокыр, 1—4-нэ упщІэхэр
  • Библиер Алыхьым къызэрыбгъэдэкІыр дэнэ дэ щытщІэр?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Библиер Алыхьым къызэрыбгъэдэкІыр дэнэ дэ щытщІэр?
  • Алыхьым къыбгъэдэкІ хъыбарыфІыр
  • Мыбы ещхь материал
  • Библиер Алыхьым къыбгъэдэкІ тхылъщ
    ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
  • Библиер Алыхьым къыбгъэдэкІ тхылъщ
    Тхыгъэ ЛъапІэм итыр сыт?
  • Алыхьым къытхуигъэувыр дауэ къызэрытщІэнур
    Сыт къытхуигъэувыр Алыхьым?
  • Библиер къызыбгъэдэкІым теухуауэ а тхылъым сыт къыдигъащІэр?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2023
Алыхьым къыбгъэдэкІ хъыбарыфІыр
fg 3-нэ урокыр, 1—4-нэ упщІэхэр

3-НЭ УРОКЫР

Библиер Алыхьым къызэрыбгъэдэкІыр дэнэ дэ щытщІэр?

1. Библиер хэт къызыбгъэдэкІыр?

Библием и экземпляр, Іэрытх зэмылІэужьыгъуэхэр

ЦІыхухэм гъащІэ мыухыж яІэу щІылъэм зэрыщыпсэунум теухуа хъыбарыфІыр зэрытыр Библиеращ (Псалом 37:29). Библиер тхылъ 66-уэ зэхэлъщ. Ар Алыхьым пэжу хуэлажьэ цІыхухъу 40-м ятхащ. Япэ тхылъитхур Мусэ бегъымбар илъэс 3 500-рэ хуэдиз ипэ итхащ. Иужьрей тхылъыр апостол Иуан илъэс 1 900-рэ хуэдизкІэ узэІэбэкІыжмэ итхащ. Хэт и гупсысэ Библием итыр? Алыхьым и къару лъапІэр къигъэсэбэпурэ и бегъымбархэм иригъэтхыну зыхуейр я гум ирилъхьащ (2 Самуила 23:2). Абыхэм ятхар езыхэм я гупсысэхэракъым, атІэ Алыхьым и гупсысэхэращ. Абы къегъэлъагъуэ Библиер Иеговэ къызэрыбгъэдэкІыр. (Къеджэ 2 Тимофей 3:16; 2 Петр 1:20, 21.)

«Хэт Библиер къызыбгъэдэкІыр?» жыхуиІэ видеороликым еплъ.

2. Библием итыр зэрызрамыхъуэкІар дэнэ дэ щытщІэр?

Библиер Алыхьым къыбгъэдэкІ тхылъщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы къэкІуэну зэманым къэхъунур щыжыІащ. Зы цІыхуми ар хузэфІэкІынукъым (Иисус Навин 23:14). ЛъэкІыныгъэшхуэ зиІэ Алыхьым фІэкІа зыми цІыхубэм и къэкІуэнур зэман иІэу жиІэфынукъым. (Къеджэ Исаия 42:9; 46:10.)

ДауикІ, Алыхьым къыбгъэдэкІ тхылъым хуэдэ дунейм тетын хуейкъым. Ди зэманыр къыздэсым Библиер бзэ щэ бжыгъэкІэ зэрадзэкІащ икІи ар миллиард бжыгъэкІэ традзащ. Библиер зэратхрэ зэман куэд дэкІами, абы итыр щІэныгъэлІхэм къахутам тохуэ. Абы нэмыщІ Библиер цІыху 40-м ятхауэ щытми, абыхэм ятхар зэтохуэa. Библием ит хъыбарым Алыхьым и лъагъуныгъэшхуэр къыхощ икІи а тхылъым иджыри къыздэсым къару иІэщ цІыхухэм я гъащІэр фІыкІэ ихъуэжыну. Псом нэхърэ нэхъыщхьэжыр — ар ЛъэкІыныгъэшхуэ зиІэ Алыхьым и Псалъэм итыр зрахъуэкІыну зыри хуит зэримыщІынуращ. А псор щыхьэт тохъуэ Библиер Алыхьым и Псалъэу зэрыщытым. (Къеджэ Исаия 40:8; 1 Фессалоникэ 2:13.)

«Дэнэ дэ щытщІэр Библиер Алыхьым къызэрыбгъэдэкІыр?» жыхуиІэ видеороликым еплъ.

3. Библиер сыт зытепсэлъыхьыр?

ЩІылъэм щыІа Жэнэтыр къэзыгъэлъагъуэ сурэт, цІыхухэм Жэнэтыр яфІэкІуэдащ, Нухь и зэманым щыІа Псыдзэшхуэр, Мусэ УнафипщІыр зытет мывэхэр иІыгъщ, Хьисэ цІыхухэр егъасэ

Библием и темэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ цІыхухэм теухуауэ Алыхьым мурад дахэ иІэр. Библием щыжыІащ япэ цІыхухъумрэ цІыхубзымрэ щІылъэм щыІа жэнэтыр зэрафІэкІуэдар икІи къэкІуэну зэманым Алыхьым жэнэтыр зэриухуэжыну щІыкІэр. (Къеджэ Апокалипсис 21:4, 5.)

Библием хабзэ, принцип, чэнджэщ куэд итщ. Абы нэмыщІ Алыхьым и хьэл-щэнхэр къыдэзыгъэцІыху хъыбархэри а тхылъым итщ. А псор дэ къыддоІэпыкъу дыкъэзыгъэщІа Алыхьыр нэхъыфІу зэдгъэцІыхуну икІи абы и ныбжьэгъу дыхъуну. (Къеджэ Псалом 19:7, 11; Екъуб 2:23; 4:8.)

4. Библием итыр къыдгурыІуэну сыт къыддэІэпыкъунур?

Библием итыр къыбгурыІуэну мы брошюрэр къыбдэІэпыкъунущ. Мы брошюрэм къыщыгъэсэбэпа бгъэдыхьэкІэр Хьисэ бегъымбар къигъэсэбэпу щыта бгъэдыхьэкІэм хуэдэщ. Абы Тхыгъэ ЛъапІэм ит едзыгъуэхэр къихьурэ, абыхэм къарыкІыр цІыхухэм къагуригъаІуэрт. (Къеджэ Лука 24:27, 45.)

Алыхьым къыбгъэдэкІ хъыбарыфІым нэхърэ нэхъыфІ зыри щыІэкъым! Ауэ ар къызыфІэмыІуэхуи, ар зигу темыхуэ цІыхуи щыІэщ. Уэ ар зэран зыхуомыгъэхъу, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ уэ гъащІэ мыухыж къыплъысынрэ къыплъымысынрэ зэлъытар Алыхьым теухуа щІэныгъэ пэжыращ. (Къеджэ Иуан 17:3.)

«Тхыгъэ ЛъапІэм итыр сыт?» жыхуиІэ тхылъым и 2-нэ псалъащхьэм мы темэм теухуауэ нэхъыбэ къыщыпщІэфынущ.

a «Книга для всех» жыхуиІэ брошюрэм еплъ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын